Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэ убзыхуным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр

Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэ убзыхуным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр

Республикэм и Iэтащхьэм и
Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыху куэдым лъэIукIэ зэрызыкъытхуагъазэм икIи адыгэ (шэрджэс) жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къызэрыхалъхьэм тету унафэ сощI:

1. ФокIадэм и 20-р Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэу гъэувын.
2. ФокIадэм и 20-р Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис лъэпкъ псоми папщIэ гуфIэгъуэ (щымылажьэ) махуэу къэлъытэн.
3. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Юрий

Налшык къалэ
2014 гъэм шыщхьэуIум и 12-м
№166-УГ

About the Author

Admin-D

Admin-D

Related Posts

More From This Category