адыгэ сурэтыщIхэр фыкърегъэблагъэ фыхэтыну гъэлъэгъуэныгъэм

ЯтIонэрэ Дунэе Адыгэ ШIэноIуатеэ
ЕГЪЭБЛАГЪЭ ТХЫЛЪ
Хэкум гъэзэжынымкIэ Адыгэ Хасэмрэ
Адыгэ Щэнхабзэ Зэгухьэныгъэмрэ
адыгэ сурэтыщIхэр
фыкърегъэблагъэ фыхэтыну
гъэлъэгъуэныгъэм

ЯтIонэрэ Дунэе Адыгэ ШIэноIуатеэ Зэхуэсым
Нюрнберг къалэ 2019 гъэм щызэхишэнум

жэпуэгъуэм и 18-20-хэм

II Дунейпсо Адыгэ ЩIэныгъэ Зэхуэсым теухуауэ хъыбарыр нэхъ шэщIауэ
къыщыфгъуэтынущ ди сайтым: https://www.croworld.org/ady-conference-exhibit
ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭМ ХЭТЫН ЩХЬЭКIЭ ЩIАПХЪЭХЭР:

1) Гъэлъэгъуэныгъэм адыгэ сурэтыщIхэр псори хэт хъунущ.
2) Зытеухуа икIи зытещIыхьа, къызыхэщIыкIа икIи зэрызэгъэпэща емылъытауэ
сурэтыщIхэм ягъэлъэгъунумкIэ хуитщ. Нэхъ мащIэ дыдэу сурэтхэм адыгэ лъэпкъ дуней
лъэгъукIэм епха щхьэхуэныгъэхэр къыхэщын хуейуэ догъэувыр.
3) СурэтыщIым гъэлъэгъуэныгъэм къыхилъхьэну лэжьыгъэм и бжыгъэр сурэтым и
инагъым елъытащ, абы тещIыхьауэ къапщтэмэ, сурэтым и инагъыр см 120 x см 60 фIэкI
хъунукъым.
4) Гъэлъэгъуэныгъэм къыхалъхьэ лэжьыгъэр нэсу зэфIыхьауэ, зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ
зэгъэпэщауэ щытын хуейщ.
5) Гъэлъэгъуэныгъэм хэтыну гупыж зыщIхэм абы къыхалъхьэну зытраухуа я
IэдакъэщIэкIхэм сурэт трахыу кърагъэхьын хуейщ. Сурэт къэс и фIэщыгъэр, и инагъыр,
апхуэдэу езы сурэтыщIым и гъащIэ гъуэгур (биографиер) къэзыIуатэ тхыгъэ щIыгъун
хуейщ. Тхыгъэр фокIадэм и 15-м фIэмыкIыу ди майл-хэщIапIэм къригъэхьмэ, игъуэ
дыдэт:info@croworld.org
6) Гъэлъэгъуныгъэм къыхалъхьэну сурэтхэм абы щхьэкIэ зэхуашэсыну КъэпщытакIуэ
гупыр хэплъэнущ. КъэпщытакIуэ гупым къыхихынущ гъэлъэгъуэныгъэм и утыкум
къралъхьэну сурэтхэр. Зи IэдакъэщIэкI къыхаха сурэтыщIхэм иужькIэ езы сурэт щыпкъэр

пощткIэ къригъэхьын хуейщ. Кърагъэхь сурэтхэм дэтхэнэми ар зи Iэдакъэ къыщIэкIам и
цIэмрэ и унэцIэмрэ, сурэтым и инагъыр, и фIэщыгъэр зытетха тхылъыпкъ
(информационная карточка) щIыгъун хуейщ.
7) Зи IэдакъэщIэкI къезыгъэхьэхамрэ сурэтхэмрэ иту сурэтылъэ пIащIэ цIыкIухэр
(брошюра) традзэнущ, ахэр щIэныгъэ зэхуэсым щаугуэшын хуэдэу.
8) СурэтыщIхэм къинэмыщIауэ гъэлъэгъуэныгъэм къыхыхьэну Iэмал яIэщ адыгэ дуней
еплъыкIэр къызыхэщ IэщIагъэхэр утыку къизылъхьэ IэщIагъэлIхэм я лэжьыгъэхэри.
9) Лэжьыгъэ ящахэм и уасэм щыщу 30% -р гъэлъэгъуэныгъэ къызэгъэпэщак1уэхэм
къагъэнэжынущ.
10) Сурэтхэр е нэгъуэщI лэжьыгъэхэр гъэлъэгъуэныгъэм къегъэхьыным / егъэхьыжыным
текIуэдэну пощт мылъкур IэдакъэщIэкIыр зейм и пщэ дэлъщ.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэрызэрагъэпэщыну щIыкIэм, зэрекIуэкIынум теухуауэ хъыбарыр
нэхъ шэщIауэ зыIэрыхьэну хуейхэр ди майл-хэщIапIэмкIэ фыкъэтхэну дыволъэIу:
info@croworld.org

 

exhibet -ady

About the Author

Admin-D

Admin-D

Related Posts

More From This Category